Проект «Бэнэныгъэ ин» 2.0
Гъусэ захуэфщI тхылъыр 2023-2024 гъэхэм я кIыхьагъкIэ мелуан бжыгъэкIэ зыгуэшынухэм, Мэсихь и къэкIуэжыгъуэм зыхуэвгъэхьэзырын папщIэ.
Эллен Г. Уайт
Ебланэ махуэр зылъытэ адвентист Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщщ
Сэ сыхуейт мы тхылъыр сыт хуэдизкIи цIыху нэхъыбэм ялъэIэсу слъагъуну … сыт щхьэкIэ жыпIэмэ «Бэнэныгъэ ин» тхылъым нэхъ IупщIу къеIуатэр цIыхухэр къэзыхъумэну Тхьэм иужь дыдэ къахуригъэха и псалъэр.
Интернетым къызэрырахам и бжыгъэр
Бзэхэр
Тед Н. Вилсон
Президент, Ебланэ махуэр зылъытэ адвентист Зэхыхьэр
Тед Н. Вилсон
Президент, Ебланэ махуэр зылъытэ адвентист Зэхыхьэр
Мы Iуэхум узэрыхэтыфыну щIыкIэр
Лъэбакъуэ
Проектыр и пащхьэ ифлъхьэ Зэхыхьэм и Хасэм
Лъэбакъуэ
Тхылъыр щывугуэшыну щIыпIэхэр къыхэфх
Лъэбакъуэ
Заказ фщIы
Лъэбакъуэ
Вгуэш
«Тхьэм си гум кърилъхьащ мы тхылъыр стхыну, депIэщIэкIыу ар дунейм и къуапэ дэтхэнэми щыпсэу цIыхухэм яIэрыдгъэхьэн папщIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы ит псалъэхэм цIыхухэр хуэныкъуэщ Къемэтмахуэм зыхуагъэхьэзырыфын щхьэкIэ».
Эллен Г. Уайт, Iэрытхыр 24, 1891 г.
Интернетым къихын «Бэнэныгъэ иныр» икIи нэгъуэщI ресурс къыфхуэщхьэпэнухэр
Зытеухуам кIэщIу ущызыгъэгъуазэ
Дауэ феплърэ, дунейм зэрызихъуэжыр фIым и лъэныкъуэкIэ, хьэмэрэ Iейм и лъэныкъуэкIэ? ГъэщIэгъуэнкъым нобэ цIыхухэм я нэхъыбэм дунейр кIуэ пэтми нэхъыкIэ хъууэ къызэралъытэр. Ярэби, цIыхухэр фIы зэрыпэмыплъэжыр ди щэн-хабзэм къыхэмыкIыу пIэрэ? КъэхъукъащIэхэу зэхэтхыжыр Iей защIэщ. Хьэмэрэ езыр-езыру мынэрылъагъуу пхужыIэну, мы тхылъым къиIуатэ пэжыгъэ дызыгъэпIейтейр: дунейр зэрыщымытыпхъэ зэрыхъуар, икIи ар дгъэзэкIуэжыну зыми зэрытлъэмыкIынур.
«Бэнэныгъэ ин» тхылъым цIыхухэр щIызэкIуэкIам и щхьэусыгъуэр къызэрыдгуригъаIуэм и мызакъуэу, дегъэлъагъу уахъты зиIэ цIыхухэм я нэм щыгъэпщкIуауэ екIуэкI бэнэныгъэшхуэр – дунейпсо-уз зэрыцIалэхэми, шынагъуэхэми, щIэпхъаджагъэхэми, хьэкIэкхъуэкIагъэхэми, цIыхуукIыгъэхэми, зэрызехьэхэми, гужьеигъуэхэми я щIыбагъым къыдэтыр. Мы тхылъ телъыджэм фэ къывигъэщIэнущ Iейр къыздежьэр хэт и дежми, фIыр КъызыбгъэдэкIыр зэрытекIуэнур, гуэныхьым кIэух зэриIэнур. Дунейр щыкъутэжкIэ фыкъызэрелынум зыхуэвгъэхьэзырыну фыхуеймэ, щIыхь зиIэу къэкIуэну дунеищIэм фыIущIэну фыхуеймэ, абы щыгъуэм мы тхылъым феджэн хуейщ.
Бзэр:
Нэхъыбэрэ интернетым кърахыр